Тхьэм и УнафипщӀыр
Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэм
Сэ Сызиусхьэнщ. Уи Тхьэр Сэращ, Мысыр щӀыналъэм, пщылӀыпӀэ унэм укъизышыжар. Си пащхьэм нэгъуэщӀ тхьэхэр зыщумыгъэӀэ.GCKar 418.1
Тхьэпэлъытэ зыри умыщӀ — сурэту умыщӀ ищхьэмкӀэ уафэм, илъабжьэмкӀэ щӀылъэм щыӀэ зыри, щӀылъэм и лъабжьэжу псым хэсхэм ящыщ зыри. Ахэр тхьэнапэ умыщӀ. Абыхэм щхьэщи, къулыкъуи яхуумыщӀ. Сэращи Зиусхьэн уи Тхьэр. Сэ сы-Тхьэ езыфыгъулӀэщи, адэхэм я лажьэкӀэ бынхэм ещанэ, еплӀанэ щӀэблэм нэс тезыр ятызолъхьэр, сыкъэзылъагъу мыхъухэм. ГущӀэгъу яхузощӀыр я щӀэблэ миным нэсыху фӀыуэ сыкъэзылъагъуу си унафэхэр зыгъэзащӀэхэм.GCKar 418.2
Зиусхьэн уи Тхьэм и цӀэр пщӀэншэу къыумыпсэлъ, Зиусхьэным Абы и цӀэр пщӀэншэу къэзыпсэлъым тезыр тримылъхьэу къигъэнэнукъыми.GCKar 418.3
«Уигу игъэлъ щэбэт махуэр, бгъэлъэпӀэн папщӀэ; махуихкӀэ лажьэ, уи Ӏуэху псори щӀэ, ауэ ебланэ махуэр — щэбэтыр, Зиусхьэн уи Тхьэм ейщ. МахуихкӀэ къигъэщӀащ Зиусхьэным уафэри щӀылъэри, тенджызри, абыхэм хэт псори, ауэ ебланэ махуэм зэгъащ; абы къыхэкӀкӀэ Зиусхьэным щэбэт махуэм и нэфӀ щыхуэри, ар игъэлъэпӀащ.GCKar 418.4
Уи адэ-анэм пщӀэ яхуэщӀ, Зиусхьэну уи Тхьэм щӀым къущит уи махуэхэр кӀыхьын папщӀэ.GCKar 418.5
УмыукӀ.GCKar 418.6
Зинэ умыщӀэ.GCKar 418.7
Умыдыгъуэ.GCKar 418.8
ЦӀыхум щыхьэт нэпцӀ хуэхъун псалъэ къыумыпсэлъ.GCKar 418.9
Уемыхъуапсэ нэгъуэщӀ цӀыхум и унэм, уемыхъуапсэ нэгъуэщӀ цӀыхум и фызым, и унэӀут цӀыхухъуми, и унэӀут цӀыхубзми, ивми, и шыдми, нэгъуэщӀ цӀыхум ейм щыщ зыми уемыхъуапсэ.GCKar 418.10
Исх. 20:3-17GCKar 418.11